Wir verwenden Cookies, um die Benutzerfreundlichkeit dieser Webseite zu erhöhen (mehr Informationen).

Verteilschriften in Circassian

 Share

Prof. Dr. Werner Gitt

Дауэ уафэм сызэрихьэнур?

Die grundlegende Frage, die suchende Menschen sich stellen, wird hier von Prof. Dr. Werner Gitt beantwortet. "Wie findet man den Himmel?" Auf jeden Fall nicht durch eigene Anstrengungen oder Konzepte. "Was aber bringt uns wirklich in den Himmel?" Gott hat die Einladungen für den Himmel schon verteilt wie im Gleichnis des Menschen, der zu einem großen Fest Einladungen verschickte. Doch viele Menschen redeten sich heraus.

Prof. Dr. Gitt ruft dazu auf, nicht so "kurzsichtig" wie diese Leute zu sein. Jesus will uns vor der Hölle erretten und diese wird kein Vergleich zu der sogenannten "Hölle von Auschwitz" sein. Er hat am Kreuz für unsere Schuld bezahlt, wir müssen diese Einladung nur annehmen, dann ist ein Platz im Himmel "gebucht". Ein Entscheidungsgebet soll den Lesern dabei helfen.

Dieses Traktat eignet sich besonders gut zur Weitergabe an suchende Menschen!

8 Seiten, Best.-Nr. 120-70

Dieses Traktat steht derzeit nur als Download zur Verfügung. Ab einer Bestellmenge von 1.000 Stück geben wir es für Sie gern in den Druck. Bitte wenden Sie sich an uns! / This tract is currently only available as a download. But we will gladly go to print for an order of 1,000 or more. Please contact us!


Дауэ уафэм сызэрихьэнур?

Ц1ыху куэд, уеблэмэ я дунейр зэраухыным егупщысхэри, зэупщ1ыжкъым гъащ1э мык1уэщ1ым ик1и я нэгу къыщ1агъэхьэркъым я пкъыр л1а иужьк1э ахэм Тхьэм и гъусэу гъащ1э мык1уэщ1 зэра1энур къазэрыпэщылъым, е ену л1эуэрэ жэхьэнэмэм зэрыщы1энухэм. Америкэм щыщ бзылъхугъэ Дрю Берримор илъэсибл ныбжьым иту «Нэгъуэщ1 планетэл1» фильмым щыджэгури ц1эры1уэ дыдэ хъуауэ щытащ. Илъэс 28 хъуауэ (езыр 1975 гъэм къалъхуащ), абы жи1ащ: «Си джэдум япэ сэ сыл1эмэ, си хьэдэр абы ирешх. Апхуэдэу, джэдум и пкъым сыхэт нэхъ нэмы1эми, адэк1э сыпсэунщ». Шынагъуэкъэ апхуэдэ щ1эныгъэншагъэр ик1и делагъэ гупщысэк1эр ажалым ехьэл1ауэ?

Исус и махуэхэм деж Абы къыхуэк1уэхэрт ц1ыху куэд. Ахэр псори зыхуэлъа1уэр щ1ылъэм щыпсэуным ехьэл1а 1уэхугъуэхэт:

  • Шын-уэтэпсым зэщ1ищта ц1ыхуипщ1ыр хъужыну хуейт (Лук. 17:13);
  • нэфхэр къэплъэжыну хуейт (Мат. 9:27);
  • зыгуэр дэ1эпыкъуэгъу хуейт адэ щ1эиныр гуэшынымк1э (Лук. 12:3-14):
  • гъэунэхуак1уэ нэпц1хэр хьилагъэу щ1эупщ1эхэрт: пащтыхьым хьэкълыкъыр етын хуей, хьэмэрэ хуэмей? (Мат. 2217).

Ик1и мащ1э дыдэт Исус къыхуэк1уэр Абы къеупщ1ыну уафэм зэрихьэнухэмк1э. Зы щ1алэщ1э гуэр къылъыхъуэрт Исус упщ1э къритыну: «Егъэджак1уэф1! Сыт сщ1эн хуейр гъащ1э мык1уэщ1 къэслъэщын папщ1э?» (Лук.18:18). Иисус абы жри1ащ и мылъкури и гур зык1эрыпщ1ауэ и1э псори ищэжу Езым и ужьым иту к1уэну. Ауэ щ1алэр икъук1э бейт ик1и хуеякъым Исус и чэнджэщым къедэ1уэн, абы къик1ырт ар гъащ1э мык1уэщ1ым зыщидзеяуэ. Щы1ахэщ гъащ1э мык1уэщ1 уафэхэм щымылъыхъуэхэри, ауэ Исус хуэзэу ар къащ1а нэужьк1э, занщ1эу а лъэк1ыныгъэр къагъэсэбэпащ ар зы1эрагъэхьэн папщ1э. Псалъэм папщ1э, Закхей ауэ Исусыр илъагъуну къудейт, ауэ абы игъуэтащ езыр зыхуеям нэхърэ нэхъыбэж – Зэкхей деж Исус щыхьэщ1эу щы1эу, шай ефэхэу 1энэм здыпэрысым абы къы1эрыхьащ уафэр. Исус жи1ащ: «Иджыпсту уи унэм и къегъэлыныгъэр къэсащ». (Лук. 19:9)

Гъащ1э мык1уэщ1ыр дауэ зы1эрыбгъэхьэну?

И щхьэмк1э щыжыт1а псоми къахэк1 гупщысэр мыращ:

  • Уафэ Тепщэныгъэр ц1ыхум къегъуэтыр зы махуэ хэхам деж. Фэ, щ1эджык1ак1уэ лъап1эхэ, фщ1эн хуейщ: нобэ дыдэ зы1эрывгъэхьэфынущ Тхьэм фригъусэн щыфлъэк1ыну гъащ1э мык1уэщ1ыр;
  • Уафэ Тепщэныгъэр зы1эрыбгъэхьэныр къалэн гуэрхэр бгъэзэщ1эным епхакъым;
  • Уафэ Тепщэныгъэм улъыхъуэн папщ1э хуэхьэзырыныгъэ хухэха уи1эн хуейкъым.

Гъащ1э мык1уэщ1 къэлъыхъуэным етхьэл1э ди къарумрэ ди гугъэхэмрэ псыхэк1уадэ хъунущ Тхьэм и Псалъэр тегъэщ1ап1э дымыщ1мэ. Зы уэрэджы1э пщащэ гуэрым клоуным теухуа уэрэд ц1ык1ум деж щигъэбыдэрт, ар уафэм къыщыхутэну, «абы ц1ыху куэдыр зэригъэгуф1ам папщ1э». Зы бзылъхугъэ бей гуэрым, ф1ыхуэщ1э купсэр зейм, иухуащ бзылъхугъэ тхьэмыщк1э 20 (т1ощ1) зыщыпсэуфын унэ, ахэм зы къалэнт я1эр – ахэр махуэ къэс зы сыхьэтым и к1уэц1к1э Тхьэм елъэ1ун хуейт а бзылъхугъэ жумартым и псэр къригъэлыну.

Ат1э хьэкъып1эк1э дауэ уафэм дыкъызэрыщыхутэфынур?

Ар къыдгуригъэ1уэн папщ1э, Исус къи1уэтащ мыпхуэдэ хъыбар (Лук.14:16). Зы ц1ыху гуэрым (хъыбарым деж ар Тхьэр ара хуэдэу щытщ) мурад ищ1ащ зэхишэну хьэгъуэл1ыгъуэшхуэ (ар уафэм и нагъыщэт) ик1и ц1ыху куэдым яхуигъэк1уащ къегъэблагъэ хъыбарегъащ1эхэр. Ауэ адэк1э къэхъуам укъегъэу1эбжьэр. Къригъэблэгъа псоми, зыр зым к1элъык1уэу, къахуигъэгъуну лъа1уэхэурэ, хьэгъуэл1ыгъуэм къэк1уэн ядакъым: «Ик1и къыщ1адзащ псоми, зэгуры1уахэм хуэдэу, загъэкъуэншэжу. Япэрейм жи1ащ: сэ щ1ыгу къэсщэхуэхуащ… Ет1уанэрейм: сэ випщ1 къэсщэхуащ… Ещанэрейм: сэ фыз къэсшащ ик1и абы къыхэк1ыу сынэк1уэфынукъым…». Исус хъыбарыр иухащ къезыгъэблэгъахэу щытам и псалъэхэмк1э: «Сыт щхьэк1э жып1эмэ вжызо1эр, а къезгъэблэгъауэ щытахэм ящыщ зыми зы1уилъхьэнукъым си пщыхьэщхьэшхэр» (Лук. 14:24).

Абы къок1ыр: Уафэ Тепщэгъуэр ик1и зы1эрыбгъэхьэфынущ, ик1и пф1эк1уэдыфынущ. Нэхъыщхьэр мыращ – къэтщтэну егъэблэгъэныгъэр хьэмэрэ абы зыпы1уддзыну. Абы нэхъ къызэрыгуэк1 1уэхугъуэ щы1э? Щы1эу къыщ1эк1ынкъым. Зэгуэрым дэ тщыщ куэдыр Уафэ Тепщэгъуэм имыхьэфмэ, ар апхуэдэу къыщ1эхъунур абы зэрык1уэфынур зэрамыщ1эр аракъым, ат1э ахэм егъэблэгъэныгъэр 1умпэм зэращ1арщ.

Хъыбарым хэта ц1ыхуищыр дэ щапхъэ тхуэхъу хъунукъым, сыту жып1эмэ ахэм языхэзми къащтакъым егъэблэгъэныгъэр ик1и къэк1уакъым хьэгъуэл1ыгъуэм! Ауэ хьэгъуэл1ыгъуэр ек1уэк1ащ! Апхуэдэ мыдэныгъэхэр зы1эрыхьа Зиусыхьэным зэбгретык1ыр егъэблэгъэныгъэхэр дэнэк1и, ауэ ар дыщэпс зытегъэлъэда тхылъ лъап1экъым, ат1э къыхуеджэныгъэ къызэрыгуэк1щ: «Фыкъак1уэ!» Ик1и а къыхуеджэныгъэр къэзыщта дэтхэнэми къы1эрохьэр хьэгъуэл1ыгъуэм деж щ1ып1э быдэ щыхухаха къылъысын хуейр. Ат1э сыт? Ц1ыхухэр къок1уэр. Уеблэмэ гуп-гупурэ. Зэман гуэрэ тек1ауэ бысымым къелъагъу иджыри т1ысып1э куэд нэщ1у зэрыщы1эр! Абы л1ыщ1эм жре1эр: «К1уэи къытегъанэхэ иджыри къэк1уэнухэр».

Мы хъыбарым 1упщ1у къегъэлъагъуэр иджырей ди щы1эк1эр. Уафэм деж щы1эщ т1ысып1э нэщ1хэр ик1и Тхьэм дыхуреджэр: «Къак1уэ, къыщыубыд уи т1ысып1эр Уафэм деж. 1ущу щыт, щыухуэ гъащ1э мык1уэщ1ым деж уи щ1ып1эр! Гъэзащ1э ар нобэ!»

Уафэр къэ1уэтэгъуейуэ дахащэщ, ик1и абы къыхэк1к1э Исус Христос ирегъапщэр ар хьэгъуэл1ыгъуэ бейм. Коринфхэм яхуигъэк1уа япэрей тхыгъэм деж (2:9) уафэм теухуауэ щыже1эр мыпхуэдэу: «Нэми илъэгъуакъым, тхьэк1умэми зэхихакъым, ц1ыхум и гуми къэк1акъым Тхьэм яхуигъэхьэзырар Ар ф1ыуэ къэзылъагъухэм». Мы щ1ылъэм зыри теткъым, зы т1эк1унит1эк1э уафэм хуэбгъадэ хъуну. Абдежым пхуэмы1уэтэну дахащэщ! Уафэр апхуэдизымк1э лъап1эщи, дэ блэдгъэк1 хъунукъым абы дыкъыщыхутэн папщ1э щы1э зы 1эмали. Тхьэм и къуэ Исус къытхузэ1уихащ уафэм и бжэхэр ик1и Абы и ф1ыгъэк1э абы дык1уэныр нэхъ псынщ1э тхуэхъуащ. Иджы псори зэлъытар дэ ди гуащ1эрщ. Ат1э егъэблэгъэныгъэр къэзымыщтэнур псэк1э набгъэхэрщ, а хъыбарым хэт ц1ыхуищым хуэдэу.

Къегъэлыныгъэр къок1уэр Исус Христоск1э

Апостолхэм я 1уэхухэр зэрыт тхылъым (2:21) къыщыдогъуэт икъук1э псалъэ нэхъыщхьэхэр: «Зиусыхьэным (Исус) и ц1эр къизы1уэ дэтхэнэри къелынущ». Ар Уэсятыщ1эм и щ1эгъэбыдэныгъэ нэхъыщхьэщ. Павел апостолым, Филиппы къалэм и хьэпсэм щ1эсу, хъумак1уэм щепсалъэм мыпхуэдэ псалъэхэмк1э иухащ: «Зиусыхьэн Исус Христоск1э ф1эщхъуныгъэ зигъэ1э, ик1и укъелынущ уэри уи унагъуэ псори». (1уэху.16:31). А жы1эгъуэр к1эщ1у ик1и зэщ1экъуауэ щытми, абы хузэф1эк1ынущ ц1ыхум и гъащ1э псор ихъуэжыныр. А жэщ дыдэм хъумак1уэм зыкъиумысыжащ ик1и Исусым зыхуигъэзащ.

Иджыри 1эмал имы1эу тщ1эн хуей зы 1уэхугъуэщ мыр: Исус хуейщ дыкъытришыну к1уэдыжыныгъэ мык1уэщ1ым, жыхьэнэмэм ухуэзышэ гъуэгум. Библием же1эр, уафэм деж хуэдэуи, жыхьэнэмэм ц1ыхухэр ену щы1эну. Зы щ1ып1эр икъук1э телъыджэщ, адрейр – шынагъуэщ. Ещанэ щ1ып1э щы1экъым. Ц1ыхум и псэр хэк1ыу дакъикъитху тек1а нэужь, зыми жи1энукъым, ажал нэужьым псори иухауэ. Псори зэрек1уэк1ыр Исус Христоск1эщ. Щы1эныгъэ мык1уэщ1ым дыщы1эныр зэлъытар зы ц1ыху закъуэщ – Исус закъуэщ ик1и дэ абы дызэрыхущытымрэщ.

Зэгуэрым сэ ц1ыхухэр езгъаджэу Польшэм сыщы1эт, ик1и дэ дык1уащ Освенцим дэт гъэрып1эм. Ещанэ рейхым и лъэхъэнэм щыгъуэ абдежым щек1уэк1ащ къэхъукъащ1э шынагъуэ дыдэхэр. 1942 (минрэ щибгъурэ пл1ыщ1рэ епл1анэ) гъэм нэгъунэ мыбдежым гъуэзрэ маф1эк1эрэ ягъэк1уэдащ ц1ыху мелуанрэ ныкъуэрэ, журтхэр нэхъыбэу. Тхыгъэм быдэу къинащ «Освенцим и жыхьэнэмэр» жы1эгъуэр. А жы1эгъуэм сэ сегупщысырт, гъуэзыр зыщ1аут1ыпщхьэу зэ щ1ыхьэгъуэу ц1ыху щихым нэс зыщагъэк1уэду щыта пэшым сыщыщ1этым. Ар шынагъуэ телъыджэ дыдэщ ик1и нэгум къыщ1эгъэхьэгъуейщ. Ауэ ар жыхьэнэмэ дыдэу п1эрэт?

Ди зыплъыхьак1уэ гупым а гъуэз пэшхэр къаплъыхьыфырт, сыту жып1эмэ абдежым иджы зыри ягъал1эртэкъым ик1и ягъэдзыхэртэкъым. А ц1ыхуншагъэ щ1эпхъаджэр зэпаудащ 1945 (минрэ щибгъурэ пл1ыщ1рэ етхуанэ) гъэм. Овенцим и гъуэз жыхьэнэмэр зэманым деж ухыгъэ щи1эщ, ат1э Библием жыхуи1э жыхьэнэмэр мык1уэщ1щ, енщ.

Освенцим музейм деж си плъэгъуэр техуащ блыным къыщитхъауэ тет жорым. Зы гъэр гуэрым гъущ1у1нэк1э блыным деж къыщритхъат гугъап1э къезыт жорыр. А сурэтыщ1ыр, адрей гъэр куэдым яхуэдэу, щык1уэдащ а гъуэз пэшым деж, ауэ абы ищ1эрт къегъэлак1уэ Исусыр. Ик1и ар мы щ1ып1э шынагъуэм щыхэк1уэдами, абы хузэ1ухащ уафэр. Ат1э Уэсятыщ1эм деж (пс. п. Мат.7:13; 5:29-30; 18:8) Исус Христос тегъэчынауэ дызыщихъумэ жыхьэнэмэм ц1ыхур къик1ынут, къимынэнуи 1эмал лъэпкъ щы1экъым. Сыт щхьэк1э жып1эмэ жыхьэнэмэр, Освенцимым хуэмыдэу, «мэлажьэр» ену, ик1и жыхьэнэмэм деж зыплъыхьак1уэ к1эщ1 тхуэщ1ынукъым.

Уафэри апхуэдэу мык1уэщ1щ. Ар Тхьэм дызыхуишэну хуей щ1ып1эщ. Абы щхьэк1э егъэблэгъэныгъэр къафщти фыкъыхуэк1уэ Тхьэм. Къиф1уэ Тхьэм и Ц1эр ик1и къыщывубыд апхуэдэу уафэхэм деж фи щ1ып1эхэр!

Зэгуэрым лекцэ нэужьым зы ц1ыхубз п1ейтейуэ къызэупщ1ащ: «1эмал щы1эххэ щы1эныгъэ мык1уэщ1ыр п1алъэр къэмысу къэплъэщыфыну? Ар ещхьщ зыплъыхьак1уэхэм я купсэм!» Сэ аразы сыдэхъуащ абы: «П1алъэр къэмысу и щ1ып1эр зымыгъэхьэзырами къехъул1энукъым. Гавай хыт1ыгум фык1уэну фыхуеймэ, гъуэгу тхылъ фи1эн хуейщ». Ар къызэупщ1ащ сэ: «Ат1э гъуэгу тхылъым пщ1э щ1эптын хуейкъэ?» – «Ат1э, уафэм и гъуэгу тхылъым папщ1и – ухуейщ! Ауэ а гъуэгу тхылъым и пщ1эр апхуэдизк1э инщи, дэ тщыщу зыми ар хуэтынукъым. Абы пэрыуэр ди гуэныхьхэрщ. Тхьэм зы гуэныхьри щыщигъэ1экъым Езым и Тепщап1эм деж. Гъащ1э нэужьым деж хэт щы1эныгъэ мык1уэщ1ым хэту Тхьэм и уафэхэм деж щы1эну хуейми, абы зык1эрихын хуейщ и гуэныхьхэр. Гуэныхьхэм уакъыхэзышыфынур гуэныхьыншэрщ – ик1и ар Исус Христосщ. Езы закъуэрщ дыкъэзыщэхужыфынур! Езым и лъымк1э пщ1эр итащ Абы, ажалыр Жорым деж къыщищтэк1эрэ».

Ат1э сыт сэ злэжьын хуейр уафэм деж щы1эныгъэ мык1уэщ1ыр къэслъэщын папщ1э? Дэ тщыщ дэтхэнэми Тхьэм зыкъыхуегъазэр Къелыныгъэм дыкъыхуриджэу. Библием щыщ щ1ып1э куэдым дыхураджэр Тхьэм и джэныгъэм жэуап еттыну:

  • «Фыхущ1экъу куэбжэ зэвымк1э фызэрыдэхьэным». (Лук. 13:24)
  • «Зыкъэвумысыж, сыту жып1эмэ къэблэгъащ Уафэм и Тепщэныгъэр» (Мат. 4:17).
  • «Фыдыхьэ куэбжэ зэвымк1э, сыт щхьэк1э жып1эмэ к1уэдып1эм хуэунэт1а куэбжэр быхъущ ик1и гъуэгур бгъуф1эщ, ик1и куэдыр щызок1уэр абык1э, сыт щхьэк1э жып1эмэ гъащ1эм хуэунэт1а куэбжэр зэвщ ик1и гъуэгур бгъузэщ, ик1и мащ1эщ ахэр къэзыгъуэтыр». (Мат. 7:13-14).
  • «Зыщы1ыгъ гъащ1э ену укъызыхураджам» (1 Тим. 7:12).
  • «Зиусхьэн Исус Христоск1э ф1эщхъуныгъэ зигъэ1и укъелынущ…» (I1эху. 16:31).

А псори – икъук1э щ1эгъэбыдыхьа ик1и тегъэчына егъэблэгъэныгъэхэщ, дэ къытхуэгъэза къыхуеджэныгъэхэщ. Ахэм къахощ ди щытык1эм и щыпкъагъэри, тегушхуэныгъэри ик1и зэгъэт1ылъэк1ып1э зэримы1эри, ик1и а егъэблэгъэныгъэм и жэуап тэмэм закъуэ хъуну лъэбакъуэщ мыпхуэдэу 1унк1э хъуну тхьэлъэ1ур:

«Зиусхьэн Исус, иджыри къэс сыпсэуащ, Уэ ущымы1э хуэдэу, ауэ нобэ сэ укъэсщ1ащ Уэ ик1и япэ дыдэу зыпхуэзгъэзэну сыхуейщ Уэ тхьэлъэ1ук1э. Иджы апхуэдэ къабзэуи сощ1эр зэрыщы1эр жэнэтри жыхьэнэмэри. Сынолъэ1у Уэ си гуэныхьхэмрэ Уэрк1э ф1эщхъуныгъэ зэрызимы1амрэ сахуэзэмэ жыхьэнэмэм сыкъебгъэлыну. Сэ иджыпсту си1эр зы хъуапсап1эщ – зэгуэрым уафэхэм сыкъыщыхутэу Уэ ену абдежым сыщыуигъусэну. Сэ сощ1эр си ц1эры1уагъэк1и сыт хуэдэ си 1уэхущ1афэк1и Уафэхэм деж щы1эп1э къызэрызмылъэщыфынур, Ауэ Уэрк1э ф1эщхъуныгъэ си1эм къызэрысхузэ1уихынур Уафэм хуэк1уэ гъэуэгур. Сыт щхьэк1э жып1эмэ Уэ ф1ыуэ сыкъыболъагъу, сыт щхьэк1э жып1эмэ Уэ сэ щхьэк1э утел1ыхьащ жорым, Уэ къэпщтащ си гуэныхьхэр ик1и Уи ажалымк1э сэ сыкъэпщэхужащ. Сэ ф1ыщ1э Уэ пхузощ1ыр абы папщ1э. Уэ уолъагъу си гуэныхь псори – сыкъызэралъхурэ щыщ1эдзауэ иджыпсту нэгъунэ. Уэ уощ1эр си гъащ1э псом и к1уэц1к1э злэжьа гуэныхь псори: сэ сц1ыхуж псори, сэ куэд щ1ауэ сщыгъупщэжахэри. Уэ уощ1эр сэ щхьэк1э псори. Уэрк1э нахуэщ си гум щыхъэ псори: ирехъу ар гуф1эгъуэ е гу1эгъуэ, аразыныгъэ е гукъыдэжыншагъэ. Уэ Уи пащхьэм деж сэ тхылъ зэ1ухам сыхуэдэщ. Сэ сызэрыщытам хуэдэу ик1и иджыри къэс сызэрыпсэуам хуэдэу сэ сиувэ хъунукъым Уи пащхьэми Тхьэ псэум и пащхьэми, ик1и сыкъыщыхутэфынукъым Уафэхэм. Абы къыхэк1ыу сэ сынолъэ1у Уэ: къысхуэгъэгъу сигу псомк1и сызыхущ1егъуэж си гуэныхь псори. Мы дакъикъэм къыщыщ1эдзауэ сэ Уэ укъызолъытэр си Унафэщ1у. Щ1эгъэувэ си гъащ1эр Уи унафэм. Сэ сыхуейщ сыпсэуну Уэ узэрыхуейм хуэдэу. Кхъы1э, къыздэ1эпыкъу Уэ сыуигъусэным зэран хуэхъуу ск1эрылъ псори ск1эрылъэлъу къабзэ сыхъужынымк1э. Къысхэлъхьэ уэрк1э къабыл щытык1эщ1эхэр. Къысхузэ1ух Уи псалъэм – Библием – и щыпкъагъэхэр. Къыздэ1эпыкъу абык1э (Библиемк1э) къызжеп1эну узыхуейр къызгуры1уэнымк1э, ик1и дауэ абык1э къызэрызгъуэтынур гъащ1э къаруущ1эхэри гъащ1э гуф1эгъуэри. Иджыпсту къыщыщ1эдзауэ сэ сы1эщ1элъыну сызыхуей си зиусхьэныр Уэращ. Кхъы1э, сыгъэлъагъу сэ иджы сызырик1уэну гъуэгур. Сэ ф1ыщ1эшхуэ пхузощ1ыр Уэ сэ сыкъызэрыхэпхам щхьэк1э. Сэ си ф1эщ мэхъур Уи гъэгугъэныгъэхэр: ахэм къагъэлъагъуэр Уэ зыпхуэзгъазэк1эрэ Тхьэм и сабий сызэрыхъуар ик1и зэгуэрым Уэ сыуигъсэу ену Уафэм сызэрыщы1энур. Насып ин дыдэщ ик1и гуф1эгъуэщ иджы къыщыщ1эдзауэ гъащ1эм и сыт хуэдэ щытык1эм дежи дакъикъэ къэси Уэ узэрызигъусэр зэрызэхэсщ1эр. Кхъы1э, апхуэдэ къабзэу къыздэ1эпыкъу Уэрк1э ф1эщхъуныгъэ зи1э ик1и Библием ирипсэу ц1ыхухэр гупу щызэхуэс, Тхьэ Псалъэр сыт щыгъуи щызэхэсхыну купсэр къэзгъуэтынымк1э. Амин».

Профессор, техникэ щ1эныгъэхэм
я доктор Вернер Гитт.

Glauben
Glaubst du nur oder lebst du schon? Wenn du ein Medikament einnimmst, möchtest du auch, dass es wirkt. Es gibt... mehr  
Fragen über Jesus Christus
Gibt es eine Generalamnestie für die Sünden aller Menschen? Aufgrund des Kreuzestodes Jesu bietet Gott allen Menschen das Heil an, darum... mehr